-
1 хъурей
1. круглый, шарообразный/ Зи къэухьым и лъэныкъуэ псори дэнкIи щызэхуэдэ.НэкIу хъурей.* УияпэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, уIущIэжынщ. (погов.)2. целый (напр. о годе, месяце)/ Зэман гуэр зэрыщыту къызэщIиубыдэу.* Уэзырмэс илъэс хъурейкIэ къэтауэ къекIуэлIэжащ. фольк.Зеиншэ хъурей см. зеиншэ. -
2 нэкIу
1. щека/ Напэм щыщу нэпкъыщхьэм къыщегъэжьауэ жьэ къупщхьэм нэс.НэкIум пщIэнтIэпс къекIуэн.2. переносное склон (горы, холма)/ ЛъагапIэ гуэрым ибгъу дэгъэзеигъуэу, бгъуфIэу щытыр.ХъупIэм къагъэкIуа жэмхэм.. нэкIум зрагуэшащ. Iуащхь.{И} нэкIур иуэн впасть, ввалиться - о щеках.нэкIу кIыхь длинное, продолговатое лицо ¦ длиннолицый/ ХуэкIыхь щIыкIэу щыт нэкIу; апхуэдэ нэкIу зиIэ.* ЦIыху Iувыр зэлъыIукIуэтащ, лIы.. папцIэ нэкIу кIыхьым гъуэгу ирату. Iуащхь.нэкIу къупщхьэ скулы/ НэкIум хуэзэ къупщхьэхэр.нэкIу хъурей круглое лицо ¦ круглолицый/ Хъурейуэ щыт нэкIу; зи нэкIур хъурей.нэкIу Iув слишком полное, жирное лицо ¦ мордастый/ НэкIу пшэр хъуреишхуэ; апхуэдэ нэкIу зиIэ.ЛIым и нэкIу Iувым пщIэнтIэпс къекIуат. -
3 пхъэ
1. лес ( как стройматериал)/ Псэуалъэ, пхъащхьэ къыхахыну паупщIа жыг.Пхъэр зэгуэхын.* Пхъэ зыIущIым къуэщIий егъуэт. (погов.)2. дрова/ Гъэсын хьисэпу паупщIа, якъута жыг.* Пхъэр зэпыхын. Пхъэр сымэ, Iугъуэ пех. (погов.)Пхъэ зэгуэгъэзам дэгъэплъын укротить, заставить подчиниться кого-л.Пхъэ идзэн устроить жеребёвку, бросить жребий. Пхъэ ирадзэри абы и пхъэркъикIащ.Пхъэ зэтеупщIэн изготовить, сделать сруб. {И} пхъэ къикIын 1) повезти кому-л. 2) выиграть по жребию.* Зи пхъэ къикIар зи кIапэкIэ ягъэуври къыкIэлъикIыр кIэлъагъэувурэ ягуэш. фольк.пхъэ вакъэ деревянные башмаки, сабо/ Пхъэм къыхэщIыкIа вакъэ.* Дэшхуейуэрэ си пхъэ вакъитIым сынырокIуэ мыгъуэри сыныроплъэ. Къэб. п. и ант.пхъэ гуахъуэ деревянные вилы/ ЖьитI зыгуэт пхъэ дыкъуакъуэм къыхэщIыкIа гуахъуэ.Пхъэ гуахъуэр мэкъум хэIун.пхъэ дакъэ 1. кусок бревна/ КIэщIу зэпыха, зэпыуда пхъэ гъум.* Сэ си щIакIуэ щIагъым пхъэ дакъэ ин щIэслъхьащ. Къэб. таур.2. пень/ Жыгыр паупщIа нэужь щIым къыхэнэ лъабжьэ.пхъэ дакъэжь 1. обрубок дерева/ Пхъэ гъум кIэщI.* Лъэныкъуабэ зищIауэ Вильяминовыр гуанабэ пхъэ дакъэжьым тест. Ш. А.2. см. пхъэ дакъэ 2.пхъэ закъуэ лъэмыж мост из одного бревна/ Лъэсхэр зэрызекIуэ лъэмыж бгъузэ дыдэ.* Уфафэу пхъэ закъуэ лъэмыжымкIэ икIын хуей хъуащ. Хъу. и таур.пхъэ кумылэ сердцевина ( дерева)/ Пхъэм ику дыдэ, нэхъ и щабапIэ дыдэ.пхъэ къутапIэ 1. чурбан, на котором колют дрова/ Пхъэ щакъутэкIэ зытраубыдэ пхъэ дакъэ; теIущIыкIыпIэ.* Пхъэ къутапIэмкIэ зигъазэри {ПIытIу} пхъэ зыкъутэ щIалэм еджащ. Ж. Б.2. место во дворе, где рубят дрова/ Пхъэ щакъутэу пщIантIэм иIэ щIыпIэ.Пхъэ къутапIэр пхъэнкIын.пхъэ къутахуэ см. къуэщIий.пхъэ лъакъуэ протез ноги/ Лъакъуэ зыпымытыжхэр иризекIуэу Iэпкълъэпкъым щымыщ пкъыгъуэ.пхъэ пэгун бадья, бадейка/ Пхъэм къыхэщIыкIа пэгун.пхъэ пшынэ балалайка/ ШыкIэпшынэ теплъэ зиIэу IэпэхэмкIэ пшынэбзэм еуэурэ макъамэр къызэрырагъэкIыр.* СолIапэ жызоIэри си пхъэ пшынэр согъаджэ. фольк.пхъэ тыкъыр см. пхъэ дакъэ 1.* Хъуэжэ зы пхъэ тыкъыр иIэти къэпым ирилъхьэри къихьащ. Хъу. и таур.пхъэ хъурей кругляк (нераспиленный лес, как материал)/ Пхъэ зэгуэмыха.Пхъэ хъурейхэр пхъэзэгуэхым шэн./ Фэндыращхьэ, бочкащхьэ сыт хуэдэхэр зэрагъэбыдэ пхъэ тыкъыр.пхъэ цIыцI см. пхъэ хъурей.пхъэ Iунэ деревянные гвозди/ Пхъэм къыхэщIыкIа Iунэ.Пхъэ Iунэ щIын. Пхъэ Iунэ етын. -
4 пщыIэ
1. шалаш/ Губгъуэхэм щащI псэупIэу, пхъэ зэупсея, мэкъукIэ зэщIэбгъэжа.2. временное жилище (напр. чабанов)/ Iэщыхъуэхэм, губгъуэм щылажьэ цIыхухэм я псэупIэ.Мэлыхъуэ пщыIэ.пщыIэ хъурей круглый шалаш/ Хъурейуэ щIа пщыIэ. -
5 пыIэ
головной убор, шапка/ Щхьэм фIалъхьэ, щхьэратIагъэ.* ПыIэр щхьэрыхын. Щхьэр псом пыIэ щыщIэркъым. (погов.)ПыIэ зыщхьэрыгъ мужчина, человек мужского пола; настоящий мужчина (букв. человек, на котором шапка). ПыIэ зыщхьэрыгъ псори лIыкъым. (погов.)И пыIэ мэздэгу члисэ хуэдэ его шапка словно моздокская церковь (о высокой, островерховой шапке).ПыIэ хуабафэ еплъын считать кого-л. недалёким, неумным.ПыIэ хуабэ недалёкий, неумный.ПыIэр (щэ) дэдзеин быть на седьмом небе (букв. подбросить (трижды) свою шапку).ПыIэр къекъухын нахлобучить шапку.ПыIэр тегъэсын небрежно надеть шапку.{Си} пыIэр хуэгъэтIысащ {его} я не боюсь, для меня он - ничто.* {Инал:} - Ди бийр ерыщ екIуэмэ, ди пыIэр яхуэгъэтIысащ, ауэ сакъын хуейщ. КI. А.{И} пыIэр щхьэрыхауэ усердно (заниматься чем-л.).пыIэ купсэ см. пыIэку.пыIэ къуаншэ название старинной женской шапочки, вышитой золотом/ Дыщэрэ данэкIэ хэдыкIауэ пасэм зэрахьэу щыта цIыхубз пыIэ цIыкIу.пыIэ къупхъэ болван, болванка для шапки/ ПыIэм зыхуей теплъэр иратын папщIэ къагъэсэбэп къупхъэ.ПыIащхьэм пыIэр къупхъэмкIэ хишащ.пыIэ натIэ 1. козырёк ( головного убора)/ НатIэм къыщхьэщыту пыIэм къыпыпIиикI Iыхьэ.2. передняя часть шапки/ ПыIэм щыщу нэкIумкIэ гъэза лъэныкъуэ.пыIэ натIэбжьэ хмурый, неприветливый.пыIэ нэз край шляпы, шапки; околыш/ ПыIэм ибгъу къекIуэкIыр.пыIэ тхьэкIэ зазор, образуемый отворотом шапки/ ПыIэ дэгъэублэрэкIеям и зэхуаку.пыIэ хъурей название национальной кабардинской шапки наподобие кубанки/ Адыгэм зэрахьэу щыта цIыхухъу хъурыфэ пыIэ лъахъшэ.пыIэ шопс 1. украшение в виде плетеного шнура с кисточкой на конце, прикрепляемый к макушке шапки/ ПыIэр ирагъэщIэращIэу абы и щыгум ирадэ уагъэ.* ПыIэ шопс кIыхьыжьщи Чынтыпэу упэмцIащ {лIыр}. фольк.2. переносное головной убор с таким украшением/ Апхуэдэ уагъэкIэ гъэщIэрэщIа пыIэ.* ПыIэ шопсу, хьэзырыбгъэу Хэплъэу жьантIэм зы лIыжь дэсщ.. Анэд.пыIэ шыкъу помпон (в виде плетенного шарика, пришиваемого к макушке женской шапочки)/ ЦIыхубз пыIэр ирагъэщIэращIэу абы и щыгум ирадэ уагъэ хъурей цIыкIу.пыIэ щыгу верх, макушка шапки/ ПыIэм и щхьэ, и щIыIу.ПыIэ щыгу лъагэ.* Афэр зи джанэ куэщI, Дыгъэр зи пыIэ щыгу.. Нарт. -
6 шашкэ
1. шашки ( игра)/ Пхъэ, къупщхьэ хъурей цIыкIухэмкIэ клеткэ-клеткэурэ гуэша пхъэбгъум зэрыщыджэгу джэгукIэ.2. шашка ( игральная)/ Шашкэ зэрыджэгу пхъэ, къупщхьэ хъурей цIыкIухэр.Шащхьэр къытелъэщIыкIын.Шашкэ джэгун играть в шашки. -
7 адыгэ
адыги (самоназвание адыгейцев, кабардинцев и черкесов)/ Адыгэ лъэпкъхэр (адыгейхэр, къэбэрдейхэр, шэрджэсхэр) зэрызэджэж цIэ.* Дэ, адыгэхэм, ди нэхъыжьыр ди гъуазэщ. Ад. фольк. Адыгэм я нэхъ мыгъуэми шыгъурэ пIастэрэ уигъэшхынщ. (погов.)адыгэ къамэ адыгский кинжал/ Адыгэхэм нэхъ зэрахьэу щыта къамэ лIэужьыгъуэ (къамалъэм и Iумрэ и кIэмрэ дыжьынкIэ гъэщIэрэщIащ, и кур лъахъстэн фIыцIэщ).адыгэ къэб тыква/ Адыгэхэм хадэм щыхасэ къэб лъэпкъыгъуэ (и тхьэмпэхэр инщ, гъуэжьу мэгъагъэ, къэб къыщIэкIэхэр хъурейщ, шэжыпсыфэщ).адыгэ пхъэIэщэ см. пхъэIэщэ./ Адыгэхэм япэм ящIу щыта унэ кIыхь, и гупэ псом кIэлындор (пырхъуэ) ирикIуэу Iуту.Абы я пщIантIэм адыгэ унэ кIыхь дэтт.адыгэ фащэ адыгская национальная одежда/ Адыгэхэм зэрахьэ лъэпкъ щыгъыныгъуэхэр.* - Дауэ сщIыну, - игукIэ жиIэу лIыжьым адыгэ фащэ къыхуахьар щетIагъэ. Хь. Хь.адыгэ хабзэ адыгский этикет/ Адыгэхэм я дуней тетыкIэ, я хьэл-щэн, я нэмыс, я зэхущытыкIэ.* Михаил Ивановичыр адыгэ хабзэм щыгъуазэти, тхьэмадэ тIысыпIэр иубыдын идакъым: - Ар хъункъым, сэр нэхърэ нэхъыжь мыбы щIэсщ. Т. Хь.Адыгэ хабзэ хуэщIэн соблюдать адыгский этикет по отношению к кому-л.адыгэ цей черкеска/ Хьэзырхэр и бгъэм тедарэ и бгыр идыкIауэ адыгэ цIыхухъу щыгъын щIыIутель.адыгэ цIыхубз зэхь женщина, воспитанная в традициях адыгского этикета/ Адыгэ хабзэм щIапIыкIа, адыгэ нэмыс зыхэлъ цIыхубз.адыгэ шхын адыгское национальное блюдо/ Адыгэхэм я лъэпкъ шхыныгъуэхэр.Iэнэр адыгэ шхынхэмкIэ узэдат.адыгэ Iэнэ адыгский трехногий столик/ Лъакъуищ щIэту адыгэхэм зэрахьэ Iэнэ хъурей. -
8 баштес
набалдашник/ Башым и щхьэм фIагъэтIысхьэ пхъэ е къупщхьэ хъурей.Къупщхьэ баштес. -
9 бгырыпхиIэ
бот. жостер слабительный (Rhamnus cathartica)/ ИIэгъэ къызыхах жыг цIыкIу лъэпкъ (къогъагъэ, пхъэщхьэмыщхьэ хъурей цIыкIухэр къыпокIэ, мэз лъапэхэм къыщокI).БгырыпхиIэр хущхъуэгъуэу къагъэсэбэп. -
10 блэ
= глагольная приставка выражает значения «рядом, сбоку; мимо»/ Глагол префикс (лэжьыгъэр зыгуэрым ибгъукIэ блэкIыу къызэрыхъур къегъэлъагъуэ).Унэм блэкIын. Абы ар блэплъащ.I змея/ Хьэпщхупщ лъэпкъ (и пкъыр хъурей псыгъуэ кIыхьщ,, мэпщ).* Блэ зэуар аркъэным щощтэ. (погов.)Блэ зэраукIа баш злой, вредный ( о человеке).Блэ уэным хуэдэу словно ядовитая змея.блэ фIыцIэ см. блащхъуэ.II предплечье/ Iэблэ.III семь раз/ Блэрэ, хым зы и гъусэу апхуэдизрэ. -
11 грейпфрут
грейпфрут (плод)/ Цитрус жыг лIэужьыгъуэм къыпыкIэ, гуащIэмрэ IэфIымрэ зэщIэту зыхэт, зи теплъэкIэ хъурей пхъэщхьэмыщхьэ. -
12 гупхъэтIэкIу
ступица/ Гу шэрхъым щыщу гудзэ дакъэхэр зыхаукIэ пхъэ къэгъэжыхьа хъурей.* {Андемыркъан} шы бгъуэщIым зредзэ, - и сагъындакъыр зэIудзагъэххэт, - я гупхъэтIэкIумрэ я гулъэмыжымрэ зэтреIулIэ. Къэб. п. и ант.гупхъэтIэкIу дакъэ утолщенная часть ступицы/ ГупхъэтIэкIум и кIапэ нэхъ гъумыр.гупхъэтIэкIу пащIэ носовая (более тонкая) часть ступицы/ ГупхъэтIэкIум и кIапэ нэхъ псыгъуэр.ГупхъэтIэкIу пащIэр зэгуэмычын папщIэ, уэрдыхъу фIалъхьэ.гупхъэтIэкIу уэрдыхъу металлическое кольцо, надеваемое на ступицу/ ГупхъэтIэкIур зэгуэмычын папщIэ, абы щаукIэ уэрдыхъу. -
13 гъэжэн
/ Жэн псалъэм и каузатив.Топыр лъапэкIэ гъэжэн.* Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуозэж. (погов.)Нэмэз щыгъэ гъэжэн см. нэмэз. -
14 гъуэгуанэкъашэ
бот. буквица крупноцветковая ( Betonica grandiflora)/ Илъэс бжыгъэкIэ къэкI удзщ. Гъэмыхуэм гъэгъа шакъафэхэр Iэрамэу и щхьэкIэм къыпыдзэ, и тхъэмпэхэр хъурей.Гъуэгуанэкъашэр хущхъуэу къагъэсэбэп. -
15 дыгъурыгъуу
сова/ Нэшхуэ зиIэ, зи пэр къуаншэ, щхьэ хъурей зыфIэт, лыкIэ шхэ жэщ къуалэбзущ.* Дыгъурыгъуу джэмэ, пщыхьэщхьэ хъуащ. (погов.) Дыгъурыгъуур мэжалIэмэ, и шырыр ешхыж. (погов.) -
16 джэдгъалIэ
бот. паслён сладко-горький ( Solanum dulcamara)/ Лъагъу дэкIей удз лIэужьыгъуэщ, плъыжь хъурей цIыкIу къыпокIэ.ДжэдгъалIэр бэгъуащ.* ДжэдгъалIэ къыщыкIым джэдэщ щащIрэ? (погов.) -
17 джэдхъуэрсанэ
бот. паслён чёрный ( Solanum nigrum)/ Пшхы хъууэ санэм ещхь фIыцIэ хъурей цIыкIу къызыпыкIэ удз лIэужьыгъуэщ.* Джэдхъурсанэ къыщыкI щIыпIэхэр бжьыхьэм мэз джэдым я кIуапIэщ. фольк. -
18 джэдынэ
I мед. фолликулит/ ЩIыфэм тет цым и къыхэкIыпIэм хуэзэу къищI шын лIэужьыгъуэщ.Iэр джэдынэ хъун.II ткань в горошек или в крапинку/ Хэутха хъурей цIыкIу зыхэт щэкIым хужаIэ.* Бостей цIыкIу гущэр уи джэдынэщ. фольк. -
19 еблыхын
(иреблых) перех. гл. 1. нанизать что-л. сверху вниз/ ИщхьэмкIэ къыщыщIэдзауэ ищIагъымкIэ ехыу Iуданэ, кIапсэ сыт хуэдэхэр иуурэ зыгуэрхэр зэкIэрыщIэн, зэкIэрыгъэубыдэн.2. застегнуть что-л. сверху вниз/ И пщэмкIэ къыщыщIэдзауэ и кIэмкIэ кIуэуэ зыгуэр пхэн (джанэм ит щIыIухэр).* Абы кIагуэ щхъуантIэ щыгът, лыдыжу лъэщIауэ шырыкъушхуитIри лъыгът, лъэныкъуитIымкIи гъуаплъэ щIыIу хъурей еблыхауэ. Iуащхь. -
20 зэпэхъурей
1. шарообразный/ Зэхуэдэу дэнэ лъэныкъуэкIи хъурей.Топ зэпэхъурей.* Хьэлу жыхуэпIэр.. сыт хуэдиз ухуей. Тыкъыру, упIэщIауэ, плIиму, зэпэхъурейуэ - сыт хуэдэ пфIэфI?.. пэрыхьэтщ, узыхуейр къыхэх. Ш. А.2. круглый, полный ( о человеке)/ Пшэр (цIыху).* Радион Михайлович къигъэуващ зы лIы зэпэхъурей цIыкIу, пщэ гъум хъужауэ. Iуащхь.
Страницы